ДЭКЪУШОКЪУЭ ХЬЭЧИМ ДЫЩЭ МЕДАЛЫР ЗЫ1ЭРИГЪЭХЬАЩ
Татарстаным щек1уэк1а курэш, бгырыпх бэнэк1э л1эужьыгъуэхэмк1э студентхэм я Урысейпсо зэхьэзэхуэм я зэф1эк1 къыщагъэлъэгъуащ Урысейм и щ1ыналъэ 13-м щыщ спортсменхэм. КъБ-м щыщу зэхьэзэхуэм хэта щ1алит1ым, Дэкъушокъуэ Хьэчимрэ Жемчуразов Азрэтрэ, зым дыщэ адрейм дыжьын медал къахьащ.
2013-гъэм Къэзан къалэм и Универсиадэр щызэхэтыну «Ак-Барс» спорт уардэунэм зэхьэзэхуэр л1эужьыгъуит1к1э щек1уэк1ащ- курэш, бгырыпх бэнэк1эхэмк1э.
Кг 100 зи хьэлъагъ бэнак1уэхэм я гупым КъБ-м щыщ Дэкъушокъуэ Хьэчим къыпэлъэщын къыхэк1акъым, а гуп дыдэм ет1уанэ увып1эр къыщихьащ КъБ-м щыщ Жемчуразов Азрэт.
Фигу къэдгъэк1ыжынщи, ипэк1э зи гугъу тщ1а бэнэк1э л1эужьыгъуит1ри илъэс дызэрытым Къэзан щек1уэк1ыну Дунейпсо гъэмахуэ Универсиадэм хагъэхьащ.
Хъыбарар зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
Сурэтыр Къэзан 2013 гъэм щытрахащ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс хабзэмк1э Къэлмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщ1э
Хьэчим Уыгуащ1эвщ! Универсадэм тек1уэныгъэ къэплъэщыну Тхьэм долъэ1у!