КЪУЛЫР ЩЭНХАБЗЭМКIЭ МИНИСТР ХЪУАЩ
Адыгей республикэм щэнхабзэмкIэ и министр къулыкъум трагъэуващ «Нэлмэс» ансамбль цIэрыIуэм и художественнэ унафэщI Къул Мухьэмэд. Республикэм и Iэтащхьэр министрым ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэ иIэу лэжьыгъэм пэрытыну.
Адыгейм и Iэтащхьэ ТхьэкIущынэ Аслъэн Iэ щIидзащ Къул Мухьэмэд, «Нэлмэс» ансамблым и художественнэ унафэщIыр, щэнхабзэмкIэ министр зэрыхъуам теухуа дэфтэрым.
ТхьэкIушынэр Къулым ехъуэхъуащ, икIи къыхигъэщащ мы зэманым къуажэхэм щэнхабзэр зэрыщыдэхуэхар, библиотекэхэр, клубхэр ремонт зэрыхуэныкъуэр, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI лэжьакIуэхэр зэрыщымащIэр. «Лэжьыгъэр гъунэжщ, ауэ абы уэ пхузэфIэмыкIым хэмылъу къысщохъу» -жриаIащ абы Къулым
Адыгейм щIыхь зиIэ и артист Къул Мухьэмэд сыт щигъуи и къэлэн нэхъыщхьэхэм хибжэу щытащ адыгэ къафэр хъумэныр, абы и хабзэхэр мыгъэкIуэдыныр.
Къулыр ипэкIэ «Нэлмэс» ансамблым и солисту щытащ , ауэрэ абы и унафэщI хъуащ. Ансамблыр Урысейм къыщрахьэжьэ Iуэхушхуэхэм пщIэ иIэу Адыгейр къыщегъэлъагъуэ., къэфакIуэхэм я Iэзагъым зэпымыууэ хагъахъуэ.
ЩIыналъэм и щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ Къулым лэжьыгъэшхуэ къыпэщылъщ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ
Мухьэмэд, 1энат1эр Тхьэм Уэри Республикэми тхуэмахуэн ищ1!