ХЭКУ ЗАУЭШХУЭР ЩЕКIУЭКIЫМ ЩIЫПIЭМ ЩЫХЭКIУЭДА ЗАУЭЛIХЭМ Я КЪУПЩХЬЭЛЪАПЩХЬЭХЭР IУАЩХЬЭМАХУЭ ЩЫЩIАЛЪХЬЭНУЩ
ТекIуэныгъэшхуэр илъэс 68-рэ щрикъум ипэ къихуэу КъБ-м щыщIалъхьэнущ Хэку зауэшхуэм и зэманым Iуащхьэмахуэ лъапэ яхъумэу хэкIуэда зауэлIхэм я къупщхьэлъапщхьэхэр . Ахэр къыщагъуэтыжащ Гарабаши мылылъэм. Iуэхугъуэхэр щекIуэкIынущ Терскол жылагъуэм.
Накъыгъэм и 9-м текIуэныгъэ иныр ди сэлэтхэм къызэрахьрэ илъэс 68-рэ щрикъум ирихьэлIэу Iуащхьэмахуэ и Гарабаши мылылъэм нэгъабэ волонтер- къэлъыхъуакIуэхэм къыщагъуэтыжа къупщхьэлъапщхьэхэр 1уащхьэмахуэ щыщIалъхьэнущ, куей администрацэм хъыбар къызэритымкIэ. 1942 гъэм мылылъэм, миниплI зи лъэгагъ щыгум и деж, зауэ гуащIэ щекIуэкIауэ щытащ.
Гъэ кIуам, накъыгъэм и 9-р къэмысыпауэ Терскол щыщIалъхьащ зауэлI 12-м я къупщхьэлъапщхьэхэр.
Хъыбарар зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс хабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ
Хьэдэ МАХУЭ ТХЬЭМ ищ1хэ! Тхьэм я ужьыр МАХУЭ тхуищ1! ТХЬЭ1УЭХУЩ!!!