НАЛШЫК НЭХЪ ЩХЪУАНТIЭЖ ХЪУНУЩ
«Жыг хэсэ» зыфIаща республикэ акцэм ипкъ иткIэ мэлыжьыхьым и 20-м Къэбэрдей- Бэлъкъэрым щыхасэнущ жыгыщIэ 1600-рэ. Жыгхэр щыхасэнущ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ республикэ уардэунэм и деж, апхуэдэуи Налшык и 2-нэ санаторэ-мэз школым и хъуреягъкIэ.
Езым я фIэфIыныгъэкIэ жыг хэсэн акцэм хэтыну хуейхэм мэлыжьыхь мазэм Iэмал яIэщ жыг мин 1600-рэ хасэну. Iуэхугъуэм и кIуэцIкIэ жыгыщIэхэр щыхасэнущ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ Налшык дэт республикэ уардэунэмрэ, къалэм и 2-нэ сэнэторэ- мэз школымрэ я хъуреягъкIэ. Правительствэм и интернет-порталым хъыбар къызэритымкIэ 2013-нэ гъэр дыкъэзыухъурехь дунейм и илъэсу зэрагъэувам ипкъ иткIэ екIуэкIыну Iуэхугъуэхэм ящыщщ зи гугъу тщIыри.
«Акцэм и мурад нэхъыщхьэр цIыхухэм экологие гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэнырщ, дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрыхуэсакъын хуейр зэхегъэщIыкIынырщ. Гуапэ тщыхъунут Iуэхугъуэм нэхъыбэу школакIуэхэмрэ, щIалэгъуалэмрэ къыхыхьэмэ»- къыхигъэщащ республикэм щIыуэпсыр хъумэнымрэ экологиемкIэ и министр Гызыев Берт.
Акцэм хэтыну гукъыдэж ящIащ КъБ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкIэ министерствэхэм я лэжьакIуэхэм. ЖыгыщIэхэр Горзеленхозымрэ «Декоративные культуры» предприятэмрэ къабгъэдэкIынущ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ
Адыгэхэм дыкъэзыхъуреихьыр жыгк1э дгъэщ1эращ1эу, удзгъэгъахэмк1э дгъэдахэу, къабзэу, зетхьэу щытащ! Налщыч жыгк1э гъэдэхауэ дригушхуэу, Хэхэсхэри Хэкурыс хъужхэу Тхьэм и ны1эм дыщ1эту дыщыпсэунущ!