«ШЭРДЖЭС ПЛЪЫФЭХЭМ» Я ЕХЪУЛ1ЭНЫГЪЭ
Мэзкуу, Вавиловым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Лес» галереем Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ шэрджэс Фондыр и щIэгъэкъуэну щызэхэтащ адыгэ сурэтыщIхэм я гъэлъагъуэныгъэ хьэлэмэт, «Шэрджэс плъыфэхэр» зыфIащар. Ди лъэпкъэгъухэм къызэрагъэпэщауэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэр Мэзкуу япэу щекIуэкIауэ аращ.
Мэлыжьыхьым и 20 пщIондэ ягъэлъагъуэну экспозицэм хэтщ адыгэ сурэтыщIхэу, сурэттехэу, IэпщIэлъапщIэхэу ПIаз Александр, Мысачэ Мурат, Балаг Экбал, Щокъарэ Дианэ, Мэзло Руслъан, ТIэшу Маринэ, Дзэсэжь Фася сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.
Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм- сурэтыщI Хьэщхъуэжь Дианэрэ сурэттех Муссова Мариерэ гъэлъагъуэныгъэм щызэхаухуэнащ гъуазджэм куэд щIауэ къыщекIуэкI хабзэхэм тет лэжьыгъэхэмрэ иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэпыура ягъэзэщIахэмрэ. Езы цIыхубзитIми я IэдакъэщIэкIхэр выставкэм наIуэ къыщащIащ: Дианэ и лэжьыгъэхэм къыщыхощ адыгэ къафэм псэр зэрыдэушыр, Мария утыку къищIащ шэрджэс тхьэIухудхэм ятеухуа сурэт-проектыр.
Гъэлъэгъуэныгъэм цIыху куэд къызэрызэхуишэсам къегъэлъагъуэ Iуэхугъуэм ехъулIэныгъэ зэриIэр.
«Iуэхугъуэр къетхьэжьэн гъунэгъу щыхъуам икIэм нэдмыгъэсыпа гуэрхэр зэрыщыIэр сщIэжырти хуабжьу сыгузавэрт, ауэ , иужькIэ, апхуэдиз цIыхум гъэлъагъуэныгъэр яфIэгъэщIэгъуэну щыслъагъум си гур псэхужащ»- зыкъеумысыж Муссовэм. «Сэ фIыщIэ ин хузощI «Адыгэ» шэрджэс фондым, ди жэрдэмыр къызэрыддаIыгъамкIэ, дяпэкIи дызэдэлэжьэну сыщогугъ»- жеIэ абы.
«Сэри сыщыгугъакъым апхуэдиз цIыху къекIуэлIэну»- мэгуфIэ Дианэ- «Мыр ди япэ проекту аращ, ауэ дяпэкIэ ди мурадщ нэхъ иныжу едгъэжьа Iуэхугъуэм зедгъэубгъуну. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм творчествэм дихьэх цIыхухэр зэкъуегъэувэ, нэхъ трегъэгушхуэ. Дыхуейт мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр илъэс къэс едгъэкIуэкIыну»- жеIэ абы.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Шэрджэс плъыфэхэр» зыфIаща иджырей адыгэ гъуазджэм и гъэлъагъуэныгъэр мэлыжьыхьым и 20 пщIондэ щекIуэкIынущ Вавиловым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 65-нэ унэм и япэ къатым. Гъэлъагъуэныгъэм еплъыну хуейхэр пщIэншэу щIагъэхьэнущ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Урысмэмбэм Марьянэщ
Сурэтыр тезыхар Васильев Тамарланщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс хабзэмк1э Къэлмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщ1э
Гъэлъагъуэр МАХУЭ тхуэхъу!!! Тхьэм фригъэф1ак1уэ Фонд "АДЫГЭХЭР"!
Приятно осознавать,что наша молодежь тянется к своим этническим корням,одновременно вписываясь в современное искусство! Удачи !
Попал на выставку совершенно случайно,был приятно удивлен увиденным,эта выставка разрушает стереотип о Северном Кавказе,мы знакомы только с танцами. Удивительные фотографии Марии,невольно понимаешь,чем восхищался Лермонтов!Гордая,возвышенная, и в тоже время чувственная красота черкешенок! Картины Мисакова вызывают противоречивые ассоциации,очень интересны и актуальны.Это конечно не Дали и Шемякин,но кто знает?
Диночка!Мария!Поздравляю с открытием!Молодцы, что решились и сделали.Очень понравились работы Мурата Мисакова,почему он не представил свою адыгскую живопись?!Мария так поработала над образами черкешенок,что я узнала только Сати,Даночку ,а красоту Эли не передали ,как мне хотелось... :))Эта выставка должна иметь продолжение в Нальчике,Черкесске,Майкопе.У нас есть талантливые художники: Шаме Руслан,Бетуганова Людмила,Цримов Руслан,Матуев Заур,Асият Абаева и др.Адыги должны эти работы видеть,восхищаться!