АДЫГЕЙМ Ц1ЫХУХЭР Я ХЭКУЭГЪУ ВЕТЕРАНХЭМ ЩЕХЪУЭХЪУНУЩ
Адыгей республикэм гупыж зыщI дэтхэнэми Iэмал иIэщ «Си хэкуэгъум фIыщIэ хузощI» зыфIаща акцэм хэтыну. Абы папщIэ Урысейм и почтэм и къудамэм дэтхэнэми махуэшхуэм теухуа маркэ зытет конверт, е открыткэ къыщищэхуу хъуэхъухэр хутритхэ хъунущ зи цIэм щымыгъуазэ ветераным. Урысейм и почтэм ц1ыхухэр къегъэгугъэ тхыгъэ дэтхэнэри ар зыхуэфащэм Iэрыхьэну.
Мэлыжьыхь мазэм щрагъэжьащ икIи накъыгъэм и 9 пщIондэ Адыгейм щекIуэкIынущ Урысейм и почтэм къыхилъхьа «Си хэкуэгъум фIыщIэ хузощI» акцэр. Ар теухуащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 68-рэ мы гъэм зэрырикъум.
Iуэхугъуэм хэтыну хуейхэм почтэм конверт е открыткэ къыщащэхуу я хъуэхъур тратхэн хуейуэ аращ, гукъыдэж зиIэхэм ТекIуэныгъэм теухуа сурэт ящI хъунущ.
Хъуэхъур къызыбгъэдэкIым ветераным и цIэри щыпсэури имыщIэми, абы гу хуэбагъ зыхэлъ псалъэхэр хуригъэхьынущ, икIи Iэмал имыIэу дэтхэнэ зы хъуэхъури ар зыхужаIэм лъэIэсынущ. Мейкъуапэ дэт почтэ IуэхущIапIэхэм щIэтынущ хъуэхъу конвертхэм папщIэ ашык, «Си хэкуэгъум фIыщIэ хузощI» жиIэу тедзауэ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ