АДЫГЕЙМ И ШКОЛАКIУЭХЭМ ФОРМЭ ЩРАГЪЭТIАГЪЭНУЩ
Адыгейм и курыт еджапIэхэм дяпэкIэ школ формэ ящыгъыу фIэкIа еджакIуэхэр ягъэкIуэнукъым . Адэ-анэхэм я комитетхэм унафэ ящIынущ я сабийхэм ящыгъыным теухуауэ. КъыщынэмыщIауэ унагъуэ хуэмыщIахэми зыщIагъэкъуэнущ.
Гъэ еджэгъуэщIэм щыщIэдзауэ Адыгейм и школакIуэхэм формэ ящыгъынущ. Мейкъуапэ и Iэтащхьэм и къэлэнхэр зыгъэзащIэ Наролин Александр зэрыжиIамкIэ школ къэс езыр зыхуей щыгъыным хуэдэ къыхих хъунущ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ