ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ ХЭТА ВЕТЕРАНХЭР АДЫГЕЙМ ЩАГЪЭЛЪЭП1ЭНУЩ
Хабзэ дахэм тету, махуэ лъап1э дызыхуэк1уэм ипэ къихуэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, тылым и лэжьак1уэхэм ик1и зауэм и инвалидхэм саугъэтхэр иратынущ.
Къэралпсом, Адыгейри дэщ1ыгъуу, Хэку зауэшхуэм тек1уэныгъэ иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 68 зэррикъур гъэлъэп1эным зыщагъэхьэзыр.
Апхуэдэу, Мейкъуапэ къалэм и пресс-1уэхущ1ап1эм хъыбар къызэритымк1э, хабзэм зэрыхъуам тету, дэтхэнэ зы ветеранми къалэ администрацэм къыбгъэдэк1ыу ерыскъы зэмыл1эужьыгъуэ хузэралъхьэнущ, ик1и хъуэхъу письмохэр 1эрагъэхьэнущ.
Ерыскъы набору псори зэхэту 500 нэс ягъэхьэзыращ. Ахэр псори ветеранхэм 1эрагъэхьэнущ майм и 9 пщ1ондэ.
Авторыр Мэлбахъуэ Алищ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Къэтей Муаедщ.