КЪЭБЭРДЕЙ-БЭЛЪКЪЭРЫМ ЩЕК1УЭК1ЫНУЩ «МОДНАЯ ПАЛИТРА» ФЕСТИВАЛЫР
Прохладнэ къалэм щэнхабзэмкIэ и унэм мэлыжьыхьым и 11-м щызэхэтынущ дизайнер щIалэгъуалэм я ещанэ къалэ фестиваль. «Модная палитра» зыфIаща Iуэхугъуэм хэтыну цIыху тIощIыр гупитIу угуэшауэ щытынущ, япэ гупым хэтынущ илъэс I5 ныбжьым нэхърэ мынэхъыжьхэр, етIуанэм-илъэс 30-м емыбэкъуахэр.
Зэпеуэм унэтIыныгъэ зыбжанэм нэхъыфIхэр къыщыхахынущ: «Этно-стиль», «De Lux», «Перфоманс», «Малахитовая шкатулка» жыхуиIэхэм, апхуэдэуи «20I3-нэ гъэм и модель нэхъыфI» зэпеуэр щхьэхуэу екIуэкIынущ.
Жюрим къипщытэнущ лэжьыгъэхэр зыгъэзэщIахэм я IэпщIэлъэпщIагъыр, я Iуэху бгъэдыхьэкIэм хэлъ щIэрыщIэхэр, IэдакъэщIэкIхэр утыку къызэрырахьэ щIыкIэр (режиссурэр, мэкъамэр), зэпеуэм хэтхэм къагъэлъагъуэ щыгъынхэр я ныбжьым зэрыхуэкIуэр. ТекIуахэм дипломхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратынущ, зэпеуэм хэта псоми сертификатхэр IэщIалъхьэжынущ.
Коллекцэ нэхъыфIхэр «Стильный акцент» щIыналъэ зэпеуэм хэтынущ.
Зэхьэзэхуэр Прохладнэ къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ, щIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ спортымкIэ и отделым «Урысей зэкъуэт» полит партым щIыпIэм щиIэ къудамэр и щIэгъэкъуэну иригъэкIуащ. Зэпеуэр екIуэкI «2012-2014-нэ гъэхэм КъБ-м и Прохладнэ округым щэнхабзэм зыщегъэужьын» программэм ипкъ иткIэ. Программэм и мурадщ конструкцэ, модель зэмылIэужьыгъуэхэм, щыгъын, вакъэ дыным дихьэх творческэ щIалэгъуалэм и зыужьыным гулъытэ нэхъыбэ хуэщ1ыныр.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Пшеуш Аменетщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс хабзэмк1э Къэлмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщ1э