БЛОГЕРХЭМ Я ШКОЛ КЪЭРЭШЕЙ- ШЭРДЖЭСЫМ КЪЫЩЫЗЭIУХАЩ
«Мэшыкъуэ 2012» Кавказ щIалэгъуалэ форумым и проектхэм я гъэзэщIэным хэту Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэIухащ блогерхэм папщIэ япэ пщIэншэ школ. Проектым и унафэщIыр грант къэзыхьа, блоггер, Шавтикова Мадинэщ.
Къэрэшей –Шэрджэсым къыщызэIуахащ блоггерхэм я школ. Проектым и унафэщIыр «Мэшыкъуэ 2012» форумым грант къыщызыхуагъэфэща Шавтикова Мадинэщ.
Школыр къыщызэIуахым екIуэкIа зэIущIэм хэтащ Къэрэшей- Шэрджэсым щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и Управленэм и унафэщI Ерчэн Андзор, Кавказым и журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу Мусаев Ражап (Шэшэн республикэ), Ермаков Денис (Ставрополь щIыналъэ), Макроусов Алексей (Къэбэрдей-Бэлъкъэр), Байсаров Магомед сымэ (Шэшэн республикэ).
Проектым и унафащIым зэрыжиIамкIэ Къэрэшей-Шэрджэсым блоггосфера зызыужьа иIэу щыткъым. «Адрей республикэхэм я интернет хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм фIагъ ин иIэу хъыбарыщIэхэр икIэщIыпIэкIэ цIыхухэм я деж зэрынагъэсыр слъагъурт, икIи къызгурыIуэрт дэ ди щIыналъэм апхуэдэ къызэрыщемыкIуэкIыр. Абы къыхэкIыу, мурад сщIащ ,Iуэхугъуэм пэщIэдзэ сыхуэхъуну» - жеIэ абы. Мы зэманым школым щрагъаджэ цIыху 20, IэщIагъэкIи ныбжькIи зэтемыхуэу.
«Ноутбукхэр, еджэныгъэм къыщыдгъэсэбэпыну нэгъуэщI хьэпшыпхэр къэтщэхуащ. Блогосферэм и щэхухэм щыгъуазэ дощI еджакIуэхэр, ауэ абыхэм дэтхэнэ зыми езым и тхэкIэ и Iуэху еплъыкIэ иIэжу езыр-езыру зрагъэсэжын хуейщ»- жеIэ Шавтиковэ Мадинэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, проектхэм я гъэзэщIэным Къэрэшей –Шэрджэсым щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и Управленэр щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъур.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ
Щотыкъхэ Мадинэ дынохъуэхъу ик1и дыпхуэгуф1э!