Хэку зауэшхуэм ди къэралым тек1уэныгъэ къызэрихьрэ илъэс 68 зэррикъум и щ1ыхьэк1, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм хыхьэ Хьэбэз аулым шыгъажэ щызэхэтащ. Апхуэдэу, жокей Авизба Джубей, Райза зи ф1эщыгъэц1э шым тесу, Къалмыкъ Юрий и ц1эк1э къызэрагъэпэща саугъэтыр ихьащ.
Ди къэралым Хэку зауэшхуэм тек1уэныгъэ къызэрыщихьрэ мы гъэм, майм и 9-м илъэс 68 ирикъунущ. Абы теухуауэ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Хьэбэз куейм хыхьэ Хьэбэз аулым и ипподромым шыгъажэ щызэхэтащ. Абы псори зэхэту шы 59 къыщагъэжащ, Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэм щыщхэу. Ахэр щ1эбэнат мыпхуэдэ саугъэтхэм:
-Япэ увып1э къэзыхьахэм автомобиль LIFAN зэрыз иратащ.
- Ет1уанэхэм сомин 50 000 дэтхэнэ зыми хуэзэу.
-Ещанэ хъуахэм сомин 30 000 иратащ.
Апхуэдэу, Къалмыкъ Юрий и ц1эк1э къызэрапэща саугъэтыр ихьащ жокей Авидзба Джубей, Райза зыф1аща щы къарэм тесу.
Жокей Рамазан Гусейновыр, илъэсищ хъу шы «Истребител»-ым тесу, Арашыкъуэ Турбий и ц1эк1э яубзыухуа саугъэтыр зы1эригъэхьащ.
Хьэпсырокъуэ Назир и ц1эк1э къызэрагъэпэща саугъэтыр ихьащ Сайтгелеев Ильган илъэсищ хъу шы «Фрут Хип» тесу.
Мыркаков Рамазан «Сольфеджио» шым тесу Станислав Дерева и ц1эк1э яубзыхуа саугъэтыр къищтащ.
Абыхэм къыщынэмыщ1а, ипэк1э зи гугъу тщ1а жокей Авидзбе Джубей, шы Райзам тесу ихьащ Къэрэшей –Шэрджэс республикэм и 1этащхьэ Темрезов Рашид и ц1эк1э къызэрагъэпэща саугъэтыр.
Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и 1этащхьэ Темрезов Рашид къызэхуэсахэм, ик1и зэпеуэхэм хэтахэм псалъэ гуапэк1э захуигъуазащ, ехъуэхъуащ махуэ лъап1э дызыхуэк1уэмк1э, ик1и къыжи1ащ Хьэбэзым щрагъэк1уэк1 мыпхуэдэ зэпеуэхэм илъэс къэс ц1ыху нэхъыбэ зэхуишэсыну.
Къэхэдгъэщынщи, зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщак1уэ Арашыкъуэ Рауль илъэс 1эджэ щ1ауэ шыхэм хэтщ. Абы ишхэм, илъэс къэсыхунк1э зэф1эк1 ин къыщагъэлъауэ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэ хэмытми.
Авторыр Аменет Псеушщ.
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Къэтей Муаедщ