УРЫС-КАВКАЗ ЗАУЭМ ХЭК1УЭДА АДЫГЭХЭР ЯГУ КЪАГЪЭК1ЫЖ
Нообэ Дунейпсом щыпсэу адыгэхэр мэщыгъуэ, ик1и ягу къагъэк1ыж Урыс-Кавказ зауэм хэк1уэда лэпкъэгъухэр. Адыгэхэм я фэеплъ махуэм техуа дауэдапщэхэр Къэрэшей-Шэрджэс республикэми щызэхэтщ.
Адыгэхэм я фэеплъ махуэм теухуауэ, майм и 21-м Къэрэшей –Шэрджэс республикэм дауэдапщэхэр щызэхэтынущ. Республикэм и къалэхэм ик1и и аулхэм шэхухэр щыщ1агъэнэнущ, пэк1ухэм удз гъэгъахэр тралъхьэнущ, тематикэ конференцхэр зэхэтынущ.
Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и 1этащхьэм и пресс-1уэхущ1ап1эм хъыбар къызэритымк1э, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 149 зэррикъум теухуауэ, майм и 21-м Черкесск къалэм жылагъуэм и зэхуэс щызэхэтынущ. Абы къыщынэмыщ1ауэ, а махуэм, Черкесск щыщ гупым Али-Бердуковский ик1и Красный Восток аулхэм дэт фэеплъ сынхэм удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.
Республикэм и курыт еджап1эхэм, ик1и щэнхабзэ унэхэм конференцхэр нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэр щызэхэтынущ.
Зэман к1ыхьк1э ек1уэк1а зауэ гущ1эгъуншэм адыгэ лъэпкъ мыц1ык1ур дуней псом щрикъухьащ, и блэк1ар хэк1уэдауэ, ф1ык1э зыхуэплъэн имы1эжу. Илъэси 101 ек1уэк1а зауэр щиухар 1864 гъэм и майм мазэрщ.
Къыхэдгъэщынщи, 2007 гъэм и майм и 21-м щыщэдзауэ, Адыгэхэм я фэеплъ махуэр республикэм мылэжьэгъуэ махуэу щытщ.
Авторыр Мэлбахъуэ Алийщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Къэтей Муаедщ
Къалмыкъ Юрий и цэ1р зезыхьэ Шэрджэс культурэм и фонд «Адыгэ»