«ЧЕРКЕСИЯ. ВОЗВРАЩЕНИЕ» ГЪЭЛЪЭГУЭНЫГЪЭМ И ЛЪЭТЕУВЭ ЗЭХЭТЫНУЩ
Майм и 21-м Мейкъуапэ щызэхэтынущ «Черкесия.Возвразение» документальнэ фильмым и лъэтеувэ. Ар теухуащ, ди хэкуэгъухэм я адэжь щ1ыналъэм къызэрагъэзэжыр. Фильмыр, адыгэхэм я щыгъуэ махуэм теухуауэ ирагъэк1уэк1 1уэхугъуэхэм хиуыдэу къагъэлъэгъуэну аращ.
Къэхэыгъэщынщи, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэс 250 зэррикъум теухуауэ, 1уэхугъуэ куэд республикэм щызэхэтынущ. Абы хиубыдэу, Черкессия.Возвращение жыхуи1э фокументальнэ фильмыр къагъэлъагъуэну я мурадщ. Фильмым и лъэтеувэр майм и 21-м Адыгей республикэм и къэрал филармонием сыхьэтыр 21-м щ1идзэу ек1уэк1ынущ.
Гъэлъэгъуэныгъэм и къызэгъэпэщак1уэ ик1и и продюсер Нэгъуплъэ Аскербий къызэрыхигъэщамк1э, фильмымр теухуащ Шэрджэсхэм я адэжь щ1ыналъэм къызэрагъэзэжыр. «Лъэпкъым и бзэр, и культурэр, ар зэкъуэту щытын папщ1э дэ къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ, ди хэкэгъухэм я адэжь щ1ыналъэм къызэрагъэзэжын хуейр»-Жи1ащ Нэгъуплъым.
«Черкессия» кинокомпанием и къызэгъэпэщак1уэ Нэгъуэплъ Аскербий, «Черкессия. Возвращение» фильмыр иджы 4-нэу трех.
Къыхэдгъэщынщи, Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ Шэрджэс культурэм и фонд «Адыгэ»-м фильмыр Мэзкуу къыщигъэлъэгъуэну и мурадщ. Ар, майм и 27-м, Мэзкуу къалэ дэт жунарналистхэм я унэм къыщагъэлъэгъуэнущ.
Авторыр Мэлбахъуэ Алийщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Къэтей Муаедщ
Къалмыкъ Юрий и цэ1р зезыхьэ Шэрджэс культурэм и фонд «Адыгэ»