МЭЗКУУ МИНИ - ФУТБОЛЫМК1Э ЗЭПЕУЭ ЩЫЗЭХЭТЫНУЩ
Майм и 25-26 махуэхэм, спортэ клуб «Адыгэ»-м Къалмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ Шэрджэс фонд «Адыгэ»-р и щ1эгъэукъуэну къызэрагъэпэщауэ, Мэзкуу къалэ мини-футболымк1э зэпеуэ щек1уэк1ынущ. Абы хэтынущ Адыгейм, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым, Къэрэшей –Шэрджэсым щыщ ныбжьыщ1эхэр.
Зэпеуэр махитк1э ек1уэк1ынущ. Майм и 25-м ныбжьыщ1эхэр гуп-гупурэ зэдэджэгунущ, ет1уанэ махуэм, майм и 26-м, хэнэр хэк1ыу ящ1ынущ. «Шэрджэсым и кубок» зыф1аща зэпеуэм щ1эбэнэнущ командэ 16, гупипл1у гуэшауэ. Командэхэр зы джэгур таймитк1э джэгунущ, дакъикъикъибл дэтхэнэ зыми хуэзэу. Зы командэр ц1ыхуихым щыщ1эдзуэ ц1ыху 12-к1э зэпеуэм къыщыгъэлъэгъуа хъунущ.
«Мини-футболымк1э зэпеуэхэр 2005 гъэм щыщ1эдзауэ, илъэсым т1эу идогъэк1уэк1 (гъатхэмрэ, бжьыхэмрэ),- къижы1ащ 1эхугъуэм и къызэгъэпэщак1уэ гупым хэт, «Адыги» СК-м и л1ык1уэ Тлупэ Рамиз - Туринирым и мурад нэхъыщхьэу щытыр - топджэгуным ц1ыху нэхъыбэ дегъэхьэхынырщ, узыншагъэм Мэзкуу щеджэ студентхэр къыхуеджэнырщ, ик1и абыхэм я деж спортсмен нэхъыф1хэр къыхэтхыу, ипэк1э къытпэщылъ зэпеухэм зы гуп зэдгъэпэщу хэдгъэтынырщ. Абы къыщынэмыщ1ауэ ди къэралым и къалащхьэм щыпсэу щ1алэгъуалэм я зэхуакум зэкъуэшыныгъэ, зэныбжьэгъуныгъэ сытым дежи дэлъыным щ1алэгъуалэр къыхуедджэнырщ. Ди зэпеуэм къыдогъэблагъэ абхъазхэр, абазинхэр. Зэхьэзэхуэм пашэныгъэ къыщызыхьхэм къызэгъэпэщак1уэхэм кебгъэдэк1ыу зэ1эпах кубокымрэ, саугъэт лъап1эхэр еттынущ.
Зэпеуэм хэтыну гукъыдэж зи1э дэтхэнэ зыри zalimhan92@mail.ru электорннэ пощтк1э зевгъэтх хъунущ, мы гъэм , майм и 22 пщ1ондэ.
Апхуэдэу, нэгъуэщ1 хъыбар фызыхуэныкъуэхэр зы1эрывгъухьэ хъунущ мы телефонымк1э 8 (926) 651-11-14