НАЛШЫК КЪЫЩЫГЪАГЪЭНУЩ САКУРА
Къэбэрдей-Бэлъкъэрым и къэлащхьэм, Хьэт1окъущыкъуейм и жыг хадэм щыхасэнущ япония сакурэ жыгхэр. Жэрдэмыр къыхэзылъхьар «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ, республикэм хъыбарегъащ1э 1энат1эхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмк1э и министесртвэр и щ1эгъэкъуэну.
Мэлыжьыхьым и 18-м, сыхьэт 12.00, Налшык Хьэтокъущыкъуейм и жыг хадэм щыхасэнущ япония сакура жыгхэр. Жэрдэмыр къыхалъхьащ «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, ар республикэм хъыбарегъащ1э 1энат1эхэм, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмк1э и министесртвэр ди1ыгъащ.
Жыгыщ1эхэр щ1ып1эм къыщык1ын хуэдэу хуагъэхьэзыращ. Сакурэм къыщынэмыщ1ауэ нэгъуэщ1 япония къэк1ыгъэхэри паркым щыхасэнущ. Дызэрыщыгъуазэщи, мы жыг хьэлэмэтыр Японием гъэ къэс къыщот1эп1 , иджы а дахагъэм Налшык дыщык1элъыплъыфынущ.
Мы жыгхэр «Гу къабзэхэр» зэгухьэныгъэм Хьэтокъущыкъуейм и жыг хадэм тыгъэу хуищ1ащ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ
Хуабжьу гуф1эгъуэшхуэщ! Японхэм я шэдыгъуейхэр Тхьэм ди ХЭКУМ щигъэбагъуэ! Пасерей АДЫГЭХЭР ЯПОНХЭМ хуэдэу ХАБЗЭМ тету псэуахэщ! Иджырей АДЫГЭХЭР ЯПОНХЭМ ещхьу псэун щ1эддзэжамэт, ди ЛЪЭПКЪРИ ХЭКУРИ АДЫГЭ ШЭДЫГЪУЕЙУЭ ГЪЭГЪЭЖЫНТ, ШЭДЫГЪУИ КЪЫПЫК1ЭНТИ ДЭРИ КЪЫДЭПСЭУХЭМИ ШЭДЫГЪУЭ ВЫНДХЭМК1э 1УТ1ЫЖ тщ1ыжынт! УЭ, МАРЖЭ, АДЫГЭ ДЫВГЪЭХЪУЖ!!!