КЪЭБЭРДЕЙ - БЭЛЪКЪЭРЫМ ЩЫЩ УЭРЭДЖЫ1АК1УЭМ «УРЫСЕЙМ И ЗЭЧИИФ1ЭХЭМ Я ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭ» ЗЭПЕУЭМ ЗЫКЪЫЩИГЪЭЛЪАГЪУЭНУЩ.
Сочи къалэм дэт «Аквалоо» санэторэ-зыгъэпсэхуп1э комплексым щыщ1идза «Урысейм и зэчииф1эхэм я зэгухьэныгъэ» международнэ фестивалым зыкъыщигъэлъагъуэнущ Налшык гъуазджэмк1э сабийхэм папщ1э дэт 1-нэ школым щеджэ Анишев Александр.
Уэрэджы1ак1уэхэм я 13-нэ международнэ фестивалым хэт ныбжьыщ1эм ипэк1и мызэ-мыт1эу щалъхуа щ1ыналъэр къыщигъэлъэгъуащ зэпеуэ зэмыл1эужьыгъуэхэм, абы т1эунейрэ «Урысейм и макъ жьгърухэр» зэхьэзэхуэм япэ увып1эр къыщихьащ, апхуэдэуи пашэныгъэр щиубыдащ «Вагъуэбэ» Урысейпсо фестивалым.
КъБ-м и 1этащхьэм и пресс-1уэхущ1ап1эм къызэритымк1э фестивалым Урысей Федерацэм и къэрал Думэм щэнхабзэмк1э и комитетымрэ, комитетым и унафэщ1ым и япэ къуэдзэ Кобзон Иосифрэ щ1эгъэкъуэн къыхуохъу. Апхуэдэуи 1уэхугъуэм и къызэгъэпэщак1уэхэм яхэтщ Урысейм щэнхабзэмк1э, егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э и министерствэхэр, щ1алэгъуалэ 1уэхухэмк1э щы1э Федерал агенствэр.
«Урысейм и зэчииф1эхэм я зэгухьэныгъэ» фестивалыр мэлыжьыхьым и 15 пщ1ондэ ек1уэк1ынущ.
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ
Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Тэмазэ Альбинэщ
Шэрджэс хабзэмк1э Къэлмыкъ Юрий и ц1эр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщ1э