ЗЭВГЪЭЦIЫХУ, ТЕУНЭ ДЖАМАЛ
УэрэджыIакIуэ щIалэм и макъыр гум фIэфIщ, и уэрэдхэр псэм зэхещIэ, и теплъэр гукъинэжщ. Артистхэм ящыщу нэхъ щхьэц бэринэ дыдэ – Теунэ Джэмал. ЗэвгъэцIыху…
Джэмал Къэбэрдей- Бэлъкъэрым и Нарткъалэ къыщалъхуащ, икIи абы школищ зэуэ зы илъэсым къыздиухащ: курыт еджапIэр, музыка школыр, гъуазджэмкIэ Налшык дэт школыр, вокалымкIэ. АдэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу…
«Си творческэ зэфIэкIхэм я зыужьыным къыщыщIидзар къафэм и дежщ,- жеIэ Джэмал.- Япэ классым щыщIэдзауэ ебланэм сыкIуэху лъэпкъ къафэхэм сыхэтащ. Ауэ щэнхабзэмкIэ и унэм зэ сыблэкIыу уэрэд къыщIэIукIыр щызэхэсхым сигъэпIейтеящ, икIи си анэм селъэIури вокал кружокым сыхригъэтхащ…Абдежым щIидзащ…Уэрэд жысIэу, псоми я щхьэр езгъэужэгъурт. Си анэм сригъусэу Нарткъалэ къикIыу Налшык кIуэ автобусым дыщискIэ, щхьэгъубжэм и деж сытIысырти, дыздэкIуэм дынэсыху уэрэдыр къисшырт. ЦIыхухэр къызэплъырт, си анэр сыбэяуну къызэлъэIурт, ауэ а лъэIур зэрысхурикъур дэкъикъитху къудейт, аргуэрыжьти сырихьэжьэжырт. Иужьым щэнхабзэмкIэ къалэ унэм ягу срихьри сыкъащтащ. Мазэ щыдэкIам къалэ махуэшхуэхэм сценэм сыкъыщихьэрт».
Еджэныр…
Артистым зэрыжиIэмкIэ школыр къыщиухам еджапIэу къыхихынур имыщIэу хигъэгупсысыхьат. ИкIэм абы тригъэхуащ Театр ГъуазджэмкIэ Урысей Университетым- ГИТИС-ым.
Пэжыр жысIэнщи, къызыхэсхын сиIэт: Саратов, Бытырбыху къалэхэм сыщыщIэтIысхьэфынут, ауэ сэ абыхэм сыхуейтэкъым. Сызыдихьэхыр эстрадэ уэрэджыIэнырати, искусствэм и адрей унэтIыныгъэхэм си гур сIэпахыртэкъым. Апхуэдэу, сыщымыгугъауэ, ГИТИС-ым сыщIэтIысхьэну Iэмал къыщысхукъуэкIым, ар зыIэщIэзгъэкIакъым, икIи иджыри къыздэсым зы дакъикъи сыщIегъуэжакъым.
Къэлащхьэ ВУЗ-ым сыщIэтIысхьэну сыкъыщыкIуам, ди благъи гъунэгъуи-жэрэгъуи зэрыжаIэу, я пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым сэр нэхърэ нэхъ зэчиифIэ щыIэу, икIи а еджапIэм сыщIэмыхуэну. Мыбдежырщ сэ къыщызгурыIуар сэ схуэдэ щIалэхэр, зэчиифIэхэр куэд зэрыхъур. Ди курсым цIыху 24 къудей къащтэнурат, цIыху къэс хьэрхуэрэгъуипщI къылъысыу. Егъэлеяуэ зэхьэзэхуэшхуэ щыIащ, ауэ гугъу сехьми сыпхыкIри ГИТИС-м музыкэ театрымкIэ и факультетым и студент сыхъуащ. Сызыхуеджэр хэхауэ классикэ вокалт. Мыбы къыщызгурыIуащ ариемрэ оперэмрэ псом я лъабжьэу зэрыщытыр.
Лэжьыгъэр…
Джэмал еджапIэр къыщиухам лэжьапIэ здэкIуэнум хигъэгупсысыхьащ.
«ЕджапIэр къыщызухам дэнэ сыкIуэнуми, сыт сщIэнуми иджыри сщIэртэкъым. Куэдрэ сегупсысащ, унэм сыкIуэжу театрым сыщылэжьэну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ди деж театрыр зыми ифIэгъэщIэгъуэнкъым, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм. ЦIыхухэм мыхьэнэ зимыIэ уэрэдхэм едаIуэмэ нэхъ къащтэ. Куэдрэ сыгупсыса иужь, си нэсып кърихьэкIмэ сеплъыну Мэзкуу и «Кураж» театрым сыкIуащ. Абы занщIэу сыкъащтащ, икIи нобэр къыздэсым сыщолажьэ. Мыбдежщ сэ си актер зыужьыныгъэм щыщIидзар, сыкъэзгъэлъагъуэу сыщыхуежьар. Шэч къытесхьэркъым- сэ сызыхэхуэн хуея гупым сыхэхуащ. Хэт ищIэрэ, зэман дэкIмэ кином си зэфIэкIхэр къыщызгъэлъагъуэнкIэ хъунущ, ауэ зэкIэ зыщIыпIи сыпIащIэркъым. Мы зэманым спектакль зыбжанэ догъэхьэзыр- зыр сабийхэм папщIэ- зышыIэныгъэм теухуащ, адрейр балигъхэм яхуэгъэзащ. Ар Ануй Жан и «Оркестр» пьесэм къытращIыкIа спектаклщ. Абы цIыхухъу роль хэтыр сэ къыслъысатэкъыми, сэр папщIэ, хэзыгъуазэ Iыхьэр езыгъэкIуэкI цIыхухъу роль хагъэуващ.
Адэ-анэр..
Джэмал шэч къытрихьэркъым, адэ-анэм я дэIэпыкъуныгъэ хэмытамэ, зыри къызэремыхъулIэнум. «Си анэр мыхъуамэ нобэ сиIэр сиIэнутэкъым, аращ къафэнми, уэрэджыIэнми сытезыгъэгушхуэу къыскъуэтар. Си адэр дунейм ехыжащ илъэсищ ныбжьым ситу. УэрэджыIакIуэ хъуну щIэхъуэпсыу абы Налшык дэт Культпросвет еджапIэм и дэфтэрхэр иритауэ щытащ, ар и анэм къыщищIэм, дэфтэрхэр къыщIихыжри медицинэ колледжым иритыжащ». Си адэр фельдшеру дэIэпыкъуэгъу псынщIэм щылэжьащ. ИужькIэ зыхэсхыжахэмкIэ, абы ехъулIэныгъэ иIэу лэжьащ.
Сэ хъуэпсапIэшхуэу сиIэщ, апхуэдизыу зыкъысщIэзыгъэкъуа си анэм нэсыпышхуэ иIэну. Сыхуейщ си творчествэм къыкIэлъыплъхэр, ар зигу ирихьхэр куэдрэ згъэгуфIэну. Сэ сфIэфIкъым цIыхухэм я нэщхъыр зэхэлъу, сыкъэзыухъуреихьхэм я гукъыдэжыр къэсIэтыну сфIэфIщ. Си адэр сыт хуэдэ гуп хэхуэми цIыхухэр игъэгуфIэу, дэрэжэгъуэ яритыфу щытащ. Сыхуейщ сэри папэ зэрыщытам хуэдэу сыщытыфыну, нэхъ мыхъуми абы и зы Iыхьэ гуэр схузэфIэкIыну».
Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Урысмэмбэм Марьянэщ
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ
Сурэтхэр Теунэ Джэмал и архивым щыщщ
Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ
Джэмал упсэу утхъж! Угуэщ1аф1э Щауэщ! Утыкуми гъуэзэджэу уитщ! Тхьэм гъащ1эдахэ дыбгъэгуф1эу уи уэрэхэм, теплъэхэм дигъэбжьыф1эу дыхигъэт!
КРАСАВЧИК!!!!! Джамаликооооооооо!!!!!!!!!!))))) Так держать! ЖИВИ С КУРАЖОМ!!!
Самый лучший!
Очень скучаю...
Успехов тебе братик***