Кабардино-Балкария «ЧЕРКЕСИКА». ТОМ ЗА ТОМОМ

Четверг, 18 апреля 2013 г.
Рубрика: Новости
Просмотров: 21553
Подписаться на комментарии по RSS
Метки: Кабардино-Балкария

 «ЧЕРКЕСИКА». ТОМ ЗА ТОМОМ

 












«ЧЕРКЕСИКЭ» ТОМЫМ ТОМЫР КЪЫКIЭЛЪЫКIУЭУ

 










«Черкесикэ» адыгэ энциклопедием и 2-нэ Iыхьэр  дунейм къытехьащ. Япэ Iыхьэр, «Адыгэ прометей» зыфIащар теухуауэ щытащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ,  щIэныгъэлI зэчиифIэ Къэлмыкъ Юрий. Тхылъым и 2-нэ томым щызэхуэхьэсащ  Лермонтов Михаил Кавказым теухуа и тхыгъэхэр,  абыхэм яхэтщ адыгэбзэкIэ зэрадзэкIа  тхыгъэхэри.

 

«Черкессикэ» энциклопедием и япэ Iыхьэр щIэныгъэлI зэчиифIэ Къэлмыкъ Юрий теухуауэ щытащ, етIуанэ томым щызэхуахьэсащ Лермонтовым и IэдакъэщIэкIхэр, абы хэтщ  адыгэбзэкIэ зэдзэкIахэри.

 

«Черкессикэ» проектыр къэзыгупсысари, абы и редактор нэхъыщхьэри АМАН-м  и академик  ХьэфIыцIэ  Мухьэмэдщ. Тхылъым и хэзыгъэгъуазэ Iыхьэм  ХьэфIыцIэм зэрыщитхымкIэ  Адыгэ энциклопедиер  том  150 ирагъэкъунущ.  Мыр хуэбгъадэ хъунущ, псалъэм папщIэ, «Британикэ», «Руссикэ» энциклопедиехэм.  Адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр политикхэм, жылагъэ, спорт лэжьакIуэхэм ятеухуа хъыбархэр щызэхуэхьэсауэ щытынущ тхылъ серием.

 

«Черкессика» серием хыхьэ тхылъхэр адыгэ псэукIэр ,  щэнхабзэр, хабзэр, тхыдэр, диныр, бзэр зыджхэм яхуэгъэзащ. Мыбы къыщыгъэлъэгъуащ политикэ, литературэ, жылагъуэ, спорт лэжьакIуэхэм  я  гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ.

 

2-нэ томыр теухуащ  2014-нэ гъэм Лермонтовыр  къызэралъхурэ илъэс 200 зэрырикъум . Тхылъым щызэхуэхьэсауэ щытынущ Кавказым, илъэс  101- кIэ екIуэкIа зауэм теухуа хъыбархэр. Лермонтовым и поэмэхэр адыгэбзэкIэ зридзэкIащ КъБ-м и Къэрал премием и лауреат, усакIуэ Iэцкъан Руслъан.

 

Серием и 3-нэ томым итынущ Шинкубэ Баграт и  «Последний из ушедших» произведениемрэ, «Громовый гул», Лохвицкий Михаил и тхыгъэмрэ.

 

4-нэ томыр хухахащ дунейпсом щикъухьа адыгэхэм теухуауэ Къумыкъу Мэмдухь иригъэкIуэкIа  къэхутэныгъэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа зауэ цIыкIухэмрэ зауэшхуэхэмрэ, адыгэ мамлюкхэм.

 

 

 

Хъыбарыр зыгъэхьэзырар Мэлбахъуэ Алийщ

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ

Шэрджэс щэнхабзэмкIэ Къэлмыкъ Юрий и цIэр зезыхьэ «Адыгэ» фондым папщIэ 



Комментариев: 1
2013-04-19 в 19:22:57 | Adamey

ЗЫ ТХЫЛЪ АДЫГЭБЗЭК1Э ДУНЕЙПСО АДЫГЭ ХАСЭМИ, АКАДЕМЕМИ ЗЭГЪУСЭУ КЪЫДИГЪЭК1АЩРЭТ АДЫГЭ ЖЫЛЭРИ ХЭКУРИ ЗЫУЭ ЗЫЩ1ЫЖЫН! БЭ АДЫГЭ ЖЫЛЭМИ ХЭКУМИ ЕДГЪЭШЭЧАЩ ХЭУТЭН ДЭР ДЭРУ ТЩ1ЫЖУРЭ! ДЭПСЭЛЪЕЙХЭР ТХЭРЕЙХЭР БЭ ЗЫ1УЭХЭР АДЫГЭР ЗЫ ХЪУЖЫНЫМ ПЭЩ1ЭТЩ! АХЭР БЭРЭ ПСЭУНУ СОХЪУЭХЪУ! АДЫГЭМ Я МАХУЭР ЯЛЪЭГЪУНУ ТХЬЭМ СОЛЪЭ1У! БЗЭР ХАБЗЭР АДЫГЭР ХЭКУР ТХЬЭР ЗЫЩ!!!

сегодня
10 июня 2025 года
 
В этот день
1774 г. – заключен Кючук-Кайнарджийский мирный договор между Россией и Турцией, по которому Кабарда признана частью России.
1955 г. – Тырныауз и Докшукино (КБАССР) преобразованы в города.
Родились:
1910 г. – Александр Глуховцев, график, заслуженный художник РСФСР, оформитель книг «Нарты» (1962), «Песни живших до нас» (1967), «Сказки седых гор» (1968).
1917 г. – Юсеф ас-Сибаи, Генеральный секретарь Организации солидарностинародов Азии и Африки, председатель Союза писателей Египта, лауреат премии «Лотос».
1925 г. – Леонид Эркенов, кабардинский режиссер, народный артист РФ.
1949 г. – Алла Инарокова, доктор медицинских наук, профессор, академик АМАН.
1961 г. – Мухарби Тамов, черкесский ученый, доктор с/х наук.
Все новости
Набор в школу/ансамбль кавказского танца…
Дорогие друзья! До концерта "Выпусник…
Дорогие друзья! Рады сообщить вам,…
Дорогие участники второго стипендиального конкурса…
Афиша
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация