«…ДОСТИГ ТОЛЬКО КАБАРДИНЕЦЪ ХИЛАРЪ»

Четверг, 28 февраля 2013 г.
Просмотров: 25081
Подписаться на комментарии по RSS

 

«…ЛЪЭГАПIЭМ НЭСАР ЧЫЛАРЩ»










«…ЛЪЭГАПIЭМ НЭСАР ЧЫЛАРЩ»




«…  абы и щыгум, фут 16, 330 (сажнэу 2, 333) зи лъэгагъым дэкIар адыгэ щIалэ  Чыларщ».  Мы мывэм ди еужькIэ псэунухэм яхуиIуэтэнущ  Iуащхьэмахуэ и щыгум, иджыри къыздэсым зыми химыгъэщIам, лъагъуэ хэзышахэр хэтми!»

 

 

                                    МЫВЭР ЩЫХЬЭТ ТОХЪУЭ…

 

Илъэс 103-кIэ, удз къытекIэжарэ   пхузэхэмыцIыхукIыжын, жыхуиIэм нэсауэ,  а гукъинэж псалъэхэр мывэм ихъумащ. Экспедицэм увыIэпIэ ищIа щIыпIэм деж апхуэдиз зэманкIэ щылъа абрэмывэр, XX лIэщIыгъуэм къагъуэтауэ щытащ совет альпинистхэм. Мывэр щагъэкъабзэм мыр къыщIэщащ:


«Урысеймиимператор  Николай I-мипащтыхьыгъуэзэманыммыщIыпIэм, 1829 гъэм, бадзэуэгъуэми 8-11 махуэхэм  къыщыувыIащ  КавказымкъулыкъущызыщIэдзэхэмя Iэтащхьэ, КовалериемигенералЕмануельГеоргий; абыдэщIыгъуащикъуэр- илъэс 14 ныбжьымитГеоргий, УрысейПравительствэмлIыкIуэищIаакадемикгуп: Купфер, Ленц, Мейер, бгыкорпусымикъулыкъущIэВансович, МинводщыщархитекторБернардацци, ВенгриемщыщдунеяплъэБессе. АкадемикхэмБернардацци  ядэщIыгъууфут 8, 000  (сажнэу 1, 143)   хымищхьэкIэщыIэ   увыIэпIэркъызыранэкIри, мазэми I0- нэмахуэм Iуащхьэмахуэфут 15, 700 (сажнэу 2, 243) дэкIащ, щыгум- фут 16, 330 (сажнэу 2, 333) нэсар  адыгэщIалэЧыларщ. МымывэмдиеужькIэпсэунухэмяхуреIуатэ  Iуащхьэмахуэищыгум, иджырикъыздэсымзымихимыгъэщIам, лъагъуэхэзышахэрхэтми

 

Иджы абы псори щыгъуазэщ: дунейпсом    япэу Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIар Хьэшыр Чыларщ. Мы Iуэхугъуэм  нэхъ кууэ гулъытэ хуэщIыпхъэщ:  сытыт апхуэдиз щIэныгъэлI Урысей Правительствэм щIиутIыпщар, зэм ужьыхыу, зэми къызэщIэнэжу,  зауэ щекIуэкI Кавказым?

Кавказым къулыкъу щызыщIэ  ковалерием и Генерал Эмануель Георгий и къэлэн нэхъыщхьэм къыпэрыкIыу, балигъыпIэм имыува и къуэр  дэщIыгъуу,  сытыт Iуащхьэмахуэ дэкIыну мурад щIищIар? Минвод щыщ архитектор Бернардацци Иосиф,  сытыт бгым щищIэр- уардэунэхэр  щиухуэу арат?  АтIэ, Iуэхур зэхэдвгъэгъэкI…

 

                                             

                                            ГЕНЕРАЛЫР…

 

«Ар Венгрием   щыщ  уэркъщ,  лъэпкъкIэ сербхэм къахэкIащ»,  Бородино щекIуэкIа зауэм зэрыхэтам  къыхэкIыу, «Георгий»  дамыгъэр  къыхуагъэфэщащ, лIыгъэ хэлъыу зыкъыщигъэлъэгъуащ Малоярославец, Лейпциг, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым щекIуэкIа зауэхэм, Париж щаубыдам генерал къулыкъур къратащ.  Куэд зылъэгъуа генерал хахуэр 1825 гъэм Кавказым къагъэкIуащ,  щIыналъэм и тету, щIыпIэм къулыкъу щызыщIэ дзэхэм я Iэтащхьэу.

 

«Кавказыр гъэIурыщIэнымкIэ, щIыпIэр  мамыру зэтеIыгъэнымкIэ» иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ,  Эммануелыр кавалерием и генерал хъуащ.  Кавказыр «гъэIурыщIэным» зи гуащIэ хэзылъхьэ  генерал  губзыгъэр икIи жыжьаплъэр, щIыпIэм и нобэмрэ и къэкIуэнумрэ хигъэгупсысыхьат…

 

Сыту хъарзынэ хъунут, щIэхъуэпсырт  генерал  Эммануэль, мы щIыпIэхэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIамэ: кавказыщIыр зыхуэфIыр, щIым щыгъэпщкIуа хъугъуэфIыгъуэхэр, сэбэпынагъ зыхэлъ къэкIыгъэхэмрэ жыгхэмрэ къащIамэ, бгыхэм я зэхэлъыкIэр къахутамэ -ахэр вулкан жеяуэ пIэрэ?  хэт ищIэрэ…

 

Къащтэ Шэт-Бгыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ Iуащхьэмахуэ,  абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм зыри ящIэркъым, ауэ щыхъукIи,  мы щIыпIэхэм щынэхъ лъагэ дыдэщ ар.

 

КъызыфIэфIмыгъэщI  генерал Эммануэль  гъащIэм щыпхуэмыгъэзащIэ хъуэпсапIэхэр и гурылъу псэуахэм ящыщу.  КъыгурымыIуагъкIэтэкъым абы Iуащхьэмахуэ бгым щIэныгъэлI гупыр  экспедицэ  щIришэжьар, атIэ военнэ мурад IупщI иIэут.

 

Тыркум къикIыу мы щIыпIэмкIэ Iэщэ Урысейм кърашэрт, тIасхъэщIэххэр, зэраныгъэ зыщIэнкIэ хъуну нэгъуэщI- къинэмыщIхэр щIыналъэм къихьэрт. Абы къыхэкIыу генералыр хуейт щIыпIэр нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуну, сурэт трыригъэхыну.

 

Арати, щIэхъуэпсым къыщымынэу, и мурадым и Iэр тригъэхуащ генералым. Нэмыцэ щIэныгъэлI Гумбольт Александр мы Iуэхугъуэм  сэбэп хуэхъуащ.

 

Абы,  щIэныгъэхэмкIэ Императорым и Академием яхуигъэхьа тхыгъэм къыщыхэщырт, къэралым и щIыналъэхэм, щIым и магнетизмэр къэхутэнымкIэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIамэ зэран зэрымыхъунур. Пащтыхьым  щIэныгъэншэу, гупсысэ мащIэ зыбгъэдэлъ цIыхуу зыкъимыгъэлъагъуэн щхьэкIэ,  Iуэхум арэзы техъуащ, икIи абы текIуэдэну мылъку мымащIэр, зауэ екIуэкIми, къэралыр щытыкIэ гугъум итми , къахуиутIыпщащ.

 

 

                                          Щ1ЭНЫГЪЭЛ1ХЭР…

 

Мы Iуэхум  бгъэщIагъуэн гуэр хэлъмэ, ар щIэныгъэлIхэм я хахуагъэрт.   Хуэмурэ  щIиупскIэу  уанэгум  ису, щтэIэщтаблэу заплъыхьыу къуакIэбгыкIэ лъагъуэхэм ирикIуэрт, зэкIэ щIалэ дыдэхэу, зэман дэкIмэ Урысейм и  щIэныгъэлI нэхъ  цIэрыIуэм ящыщ хъуну къэхутакIуэ гупыр. 

 

ЗэвгъэцIыху: Купер Адольф, Яков и къуэр- академикщ, физикэмрэ химиемкIэ   щIэныгъээлI нэхъ  лъэщхэм ящыщщ, метрологщ, япэ дыдэу Урысейм метрологиемкIэ IуэхущIапIэ, щапхъэтеххэмрэ тэрэзэхэмрэ я унэ, физикэ обсерваторие  къызэзыгъэпэщар мыращ; Ленц Эмилий, Христиан и къуэр Академикщ, Бытырбыху Университетым и ректорщ, «Джоульрэ- Ленцрэ» я законыр къызэIузыхаитIым язщ; Мейер Карл, Андрей и къуэр, академикщ, Бытырбыху и Ботаникэ жыг  хадэм и унафэщIу щытащ; Менетрие Эдуард, Петр и къуэр, Урысейм и япэ энтомолог IэщIагъэлIщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ хьэпщхупщхэмкIэ щIэныгъэ куу зиIэщ, Урыс энтомологие жылагъуэ зэгухьэныгъэ  къызригъэпэщауэ щытащ.

 

Мывэм зи цIэунэцIэ тетахэм ящыщ Вансович Глеб, Григорий и къуэр, Луганск къалэм и литейнэ заводым, Екатеринэ II-м иригъэухуауэ щытам,  и унафэщIт. Абы топышэ къызыхэпщIыкI хъуну хъугъуэфIыгъуэхэр  здыщIэлъ щIыпIэхэр  зригъэщIэну и мурадт.

 

Бернардацци  Иосиф Карл и къуэр, Нартсанэрэ  Минвод зыгъэпсэхупIэхэмрэ я япэ архитекторт, топографиемкIэ IээщIагъэлI нэгъэсат, дзэм ядэщIыгъуу щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм сурэт трихырт. Абы къыщынэмыщIауэ, Эммануэль генералым и лъэIукIэ экспедицэр здрикIуэ гъуэгухэм сурэт трищIыкIырт.

 

Карой Янош Беш- Венгрием щыщ дунеяплъэр, Париж абы къызэрыщеджэу щытамкIэ жыпIэмэ Жан-Шарль де Бесс, Франджым и къэлащхьэм къыщыдэкI журналхэм ящыщ зым и лэжьакIуэт, экспедицэр гъуэгу тету ар якIэщIыхьэжауэ арат. Тюрколог, «тырку грамматикэмрэ бзэмрэ» тхылъыр зэхэзыгъэува Карой Янош иужькIэ итхыжауэ щытащ «Кърымым, Кавказым, Куржым, Армением, Азием, Константинополь 1829-1830 гъэхэм щытлъэгъуахэр» зыфIища  тхылъыр.

 

Фимыгугъэ щIэныгъэлIхэр  шынагъуэншэу щымыт а щIыпIэм я закъуэу кIуауэ: гупым я хьэпшыпхэр  махъшихым якIэрыщIауэ яшэрт, абыхэм якIэлъыплъырт къэлмыкъхэр, сэлэтрэ   офицеру цIыху 650, къэзакъ 350 хъурт,  абы  Iэщэ-фащэхэр ягъусэжу.

 

УвыIэпIэхэм деж щIэныгъэлIхэм  щIыпIэр щызрагъэцIыхурт,  хъыбархэр зэхуахьэсырт, сэлэтхэм щIыпIэм и планыр зэхагъэувэрт, гупыр яхъумэрт.

 

                                                   БГЫХЭР…

 

Экспедицэм игъэгузэва бгырысхэр пIейтеящ, икIи гупым зэпсалъэныгъэхэр драгъэкIуэкIыну къапежьащ. Зауэ-банэ хэмыту Iуэхур зэфIэкIащ: лъэныкъуэхэр зэгурыIуэри экспедицэм яхыхьащ адыгэхэр, къэрэшейхэр, урысби- бэлъкъэрхэр. Ахэр лей хъунутэкъым, бгым ущызекIуэну зэрымытыншыр къэплъытэмэ. Ленц Эмиль и тхыгъэхэм мыр къыщыхощ: «Нэхъ щIыпIэ шынагъуэ дыдэхэм дыщихьэкIэ ди лъакъуэхэрт нэхъыбэу дызыщыгугъыр, шыхэратэкъым, а псэущхьэ тхьэмыщкIэхэм ящыщ зыр бгым зэрыщыхур тлъэгъуа еужь  нэхъыбэу дысакъ хъуат».

 

Гъуэгугъэлъагъуэхэр   ядэщIыгъуу, сакъыурэ, шыгухэри, пщэфIапIэри, Iэщэ-фащэм и нэхъыбэри ядэщIымыгъуу экспедицэм хэтхэр Малкэ псыежэхым и къежьапIэм къыщыувыIащ. Куэд мыщIэу шыгухэри къакIэлъыщIыхьэжащ.

 

Пщэдджыжьым  гупым хэтхэм я нэгу къыщIэува теплъэгъуэр телъыджэт: «…сыхьэтитхум деж  гъунэгъу дыдэу ( верст 6-10 нэхъыбэнтэкъым) ди нэгу къыщIэуващ  Iуащхьэмахуэ,  уафэм зы пшэ телътэкъым. ТхьэмахуитI хъуауэ уэфI хъунум пэплъэ генералым, псоми я гуапэ зэрыхъуати, унафэ ищIащ бгым дэкIын хуейуэ. Ар, увыIэпIэм нэхъ пэгъунэгъу джабэм дэкIри ихъуреягъыр къиплъыхьащ; сыхьэтипщIым деж къигъэзэжщ, къэзакъхэр зэхуишэсри яжриIащ  щыгум япэу дэкIым  дыжьынкIэ сомищэ, етIуанэм- сом щэныкъуэ, ещанэм сом тIощIрэ тхурэ  зэрыритынур»- игу къегъэкIыж Ленц.

 

 

                                       КЪАЙХЪУЛ1ЭНУ ГУГЪЭУ…

 

Генерал Эммануэль  Урысей пащтыхьым и штаб нэхъыщхьэм и унафэщI генерал- адъютант Чернышев хуигъэхьа тхыгъэм щыщ Iыхьэ: «бадзэуэгъуэм и 8-м лъэсырызекIуэхэри шууейхэри, гугъуехь псори къызэранэкIри Iуащхьэмахуэ лъапэ нэсащ, икIи Малкэ псыежэхым деж щетIысэхащ. Бадзэуэгъуэм и 9-м Академикхэм бгым дэкIыну гукъыдэж зыщIахэр ядэщIыгъуу лъэгапIэм  хуаунэтIащ».

 

«Дызытхьэкъуа гурыщIэхэр къэIуэтэжыгъуейщ…»  Итхыжащ физик цIэрыIуэ Ленц, етIуанэ пщэдджыжьым и гугъу ищIыжу, академикхэм Бернардацци ядэщIыгъуу щыгум дэкIыну щежьам.

 

Гъуэгу тету здэкIуэм,  Ленц зэритхыжымкIэ, Бернардацци щыгум нэмысыу иIэ къырым  вагъуэ къуапитху   тритхауэ щытащ: къуапэ къэс щIэныгъэлIитхум я унэцIэм и къежьапIэ хьэрфыр тету:  К- Купфер, L – Ленц, M – Мейер, M – Менетрие, B – Бернардацци.

 

Ауэ академикхэм я къарур зэпалъытакъым, гъуэгу ныкъуэм нэсауэ ягъэзэжын хуей хъуащ.  Ахэр здынэса щIыпIэм  деж иIэ къырым Бернардацци жор трищIыхьри  1828 гъэ,  жиIэу тритхэжащ.

 

 

                                                      ЩЫГУР…

 

Генерал Эммануэль Урыс пащтыхьым и штабым и унафэщI Генерал –Адъютант Чернышевым хуигъэхьа тхыгъэм щыщ Iыхьэ: «Бадзэуэгъуэм и 10-м, сыхьэтищхэм деж, зэрыуэфIыр къэдгъэсэбэпыу Iуащхьэмахуэ и нэхъ лъэгапIэм дынэсын мурадкIэ дежьащ, тхузэфIэкI къэдгъэнакъым, ауэ щыгум дынэмысу  къедгъэзыхыжын хуей хъуащ. Зы цIыху закъуэщ ищхьэм нэсар- ар адыгэ щIалэ  Чыларщ. Сыхьэт II-хэм деж ар щыгум нэсри иIыгъа башыр  абдежым  щыхитIащ,  икIи ар мывэхэмкIэ къигъэтIылъыхьыжри къехыжащ. Абы къигъэлъэгъуащ Европэм и нэхъ бгы лъагэ дыдэм цIыху зэрыдэкIыфынур. Чылар Iуащхьэмахуэ щыгум кърихьэхьа  мывитIыр  дыщIызогъу мы тхыгъэм»

 

 «Эммануэль генералым  хъыбар итхыжам дыщIигъуакъым,  ар Купфер академикым и нэрыплъэмкIэ Чылар зэрыкIэлъыплъар.  Мыбдежым поручик Щербаковым, генералым  дэщIыгъу офицерхэм ящыщ зым, Iуэхур къызэрекIуэкIыр  «Тифлисс хъыбарыщIэхэр» гэзетым   папщIэ щитхырт:

 

«Сыхьэт дэкIауэ бгым  зы цIыху къыкъуэкIри   лъэбакъуэ псынщIэхэмкIэ щыгум хуэкIуэу ежьащ. Абы иужь  зыгуэр итын дэнэ къэна, нэхъыбэм къагъэзэжауэ къехыжырт. Псоми я нэр тедияуэ а щIалэ хахуэм кIэлъыплъырт. Езыр лъэбакъуэ зытхух ичрэ, тIэкIу зигъэпсэхум, адэкIэ пищэжыу, жыджэру кIуэцIрыкIырт…Пшапэр зэхэуэху къытхуэщIакъым апхуэдэ лIыгъэ зезыхьэфыну гупым  къыхэкIар хэтми. Гъуэгу тетахэм къагъэзэжа  иужькIэщ  къыщытщIар, Iуащхьэмахуэ и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм  дэкIар хэтми: ар  адыгэ щхьэхуит, ипэкIэ Iэщыхъуэу щыта щIалэт.»

 

Поручик Щербатовым Урыс пащтыхьым и штаб нэхъыщхьэм и канцелярием и унафэщI генерал- майор Шубертым  хуигъэхьа тхыгъэм щыщ Iыхьэ:

 

«Зы цIыху закъуэщ, адыгэ щхьэхуитхэм ящыщу, сыхьэт 11-м ирихьэлIэу щыгум нэсар. Ар сыхьэтийкIэ гъуэгу тетащ. Апхуэдэ лIыгъэм къыпэкIуэу Хьэшыр Чылар къыхуагъэфэщащ  ахъшэ саугъэту сом 100,  дыжьынкIэ.   

   

 

                                         1УЭХУГЪУЭМ И К1ЭУХЫР…

 

«…ЛЪЭГАПIЭМ НЭСАР ЧЫЛАРЩ»  

<<<   Хьэшыр Чылар. СурэтыщIыр яц1ыхуркъым.

 

 

 

ЕтIуанэ махуэм   псоми  гуфIэгъуэр   ящызт. Фадэр псыежыхым хуэдэу уэрт,  зэпымыууэ ягъэIурт хъуэхъухэр-  экспедицэр ежьэнум арэзы техъуа императорым и щIыхькIэ, Iуэхугъуэр къызэзыгъэпэща генерал Эммануэль, академикхэм  яхуэгъэзауэ. Псом хуэмыдэу яIэтырт бгым япэу лъагъуэ хэзыша адыгэ щIалэр: абы къызэрагъэгугъа сомищэмрэ, фащэ къызыхэкIын  щэкI бэлыхьрэ иратащ.

 

ФIы куэд кърикIуащ мы Iуэхугъуэм: Эмануэль генералыр Императорым щIэныгъэхэмкIэ и Академием хагъэхьащ, щIэIэныгъэлIхэм илъэс куэдкIэ яджыну яхурикъун  хъыбархэр Кавказым  щызэхуахьэсащ.

 

 

  Авторыр Дым Iэдэмщ.

 АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Тэмазэ Альбинэщ.

 



Комментариев: 5
2013-02-28 в 15:35:49 | Искатель

Спасибо за аргументированное изложение.

Просветите пожалуйста экс-президента КЧР Эбзеева, пусть свой "мемориал" в Карачаевске исправит http://s44.radikal.ru/i104/1009/e4/82084ef9a8e0.jpg

2013-03-30 в 21:39:40 | Асламбек

Диву даешься, когда читаешь про карачаевцев.Лошади- карачаевской породы,овцы тоже, хычины,все старинные черкесские песни переведены и исполняются на карачаевском. Не удивлюсь, если еще припишут своего автора. Пока не проходит, но у них, оказывается, есть спасенные дети-блокадники. Одним словом они всегда первые и все карачаевское.Эбзеев вроде грамотный, но не смог отличить Хаширова от Хачирова. Даже в приемах каратэ присутствуют движения из нац. танцев и т.д. Писать места не хватит.

2013-04-09 в 14:06:51 | АбуБакр

мечтать не вредно, с аргументацией сплошной сон

2013-04-11 в 22:06:43 | Асламбек

АбуБакр, Хотите аргументацию? Почаще читайте газету "Экспресс почта", которую "просят" подписаться пенсионеров.

2013-04-14 в 04:49:10 | Adamey

ХЬЭШЫРХЭ Я Л1ЫР АДЫГЭ ХЪУАЩ! ТХЬЭМ И ПАЩХЬЭМ АДЫГЭУ ИХЬЭЖАЩ! ТХЬЭМ И ХЬЭДРЫХЭ МАХУЭ ИЩ1! 1УАЩХЬЭМАХУИ ДИ ХЭКУМ КЪЫТЩХЬЭЩЫТЩ! ХЭКУРЫСХЭМРЭ ХЭХЭСХЭМРЭ ЗЭ ЗЫАДЫГЭ ДЫХЪУЖМЭ, ХЭКУРИ АДЫГЭУ ПСЭУЖЫНУЩ!!! БЗЭ ХАБЗЭ ХЭХЭС ХЭКУРЫС ХЭКУ АДЫГЭ АДЫГАГЪЭ ТХЬЭ ПСОРИ ЗЫЩ!!!

сегодня
29 марта 2024 года
 
В этот день
Родился
1946 г. – Руслан Алоев, доулист, засл. артист КБР
Все новости
Набор в школу/ансамбль кавказского танца…
Дорогие друзья! До концерта "Выпусник…
Дорогие друзья! Рады сообщить вам,…
Дорогие участники второго стипендиального конкурса…
Афиша
- Ласковый ягнёнок двух маток сосёт
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация