ОРХАН ВЕЛИКОЛЕПНЫЙ

Среда, 7 марта 2012 г.
Просмотров: 36581
Подписаться на комментарии по RSS


ОРХАН ЩЕДЖАЩЭ














ОРХАН ЩЭДЖАЩЭ



«Хъыбарыжьхэр тхыдэм къыщIыхэнэр зыр адрейм зэремыщхьырщ. Зи IэщIагъэм хуэIэижьыр хъыбар мыцIыхухэр гурыIуэгъуэ тщызыщIыфхэрщ». Мы псалъэхэм я мыхьэнэм къегъэлъагъуэ ахэр зытхар дунейпсом щыцIэрыIуэ щIэхъуар. Пэмыкъу Орхан Тыркум и хъыбарыжьхэр дунейпсом гурыIуэгъуэ ящищIыфащ икIи абы къыхуагъэфэщащ Нобелым и саугъэтыр. Адыгэ лъэпкъым, уеблэмэ Кавказ псоми  апхуэдэ зэфIэкI япэу къэзыгъэлъагъуэфар мыращ.




Пэмыкъу жиIэмэ- бжьэхуцщ…


Зигугъу тщIым лъэпкъ, международнэ саугъэтхэу къыхуагъэфэщам щIэи гъуни иIэкъым, езыр тхакIуэ нэхъыфI дыдэу пщIым я бжыгъэм хэтщ. Ар Тырку тхакIуэу къабж, езыри абыкIэ арэзыщ.  «Сэ 1952 гъэм, бадзэуэгъуэм и 7-м Истамбыл и Модэ хьэблэм дэт уней сымаджэщ мыиным, жэщ ныкъуэм зэрыщхьэдэхрэ куэд мыщIауэ,  дунейм  сыкъыщытехьащ…МахуитI ипэкIэ Италием къыщыуша  Страмболи вулканым къыщынэмыщIауэ, а зэманым щIы хъурейр  зэрыщыту  мамырт», - дыкъыщоджэ абы и  гъащIэ къекIуэкIыкIамрэ къалэм и тхыдэмрэ гъэщIэгъуэну щызэхэухуэна,  «Истамбыл. ГукъэкIыжхэм я къалэ» жыхуиIэ тхылъым.

 

Тырку  къэралыгъуэм  хэкурысхэм ящыхутепсэлъыхькIэ дунейпсом щыцIэрыIуэ щэнхабзэ лэжьакIуэм ибзыщIыркъым адыгэу  зыкъызэрибжыжыр.

 

«Си шэрджэс  лъабжьэхэр лIакъуитхукIэ къызобж ,-жэуап  щритащ абы азербайджан усакIуэ икIи зэдзэкIакIуэ Бабуллаоглу Салим и интервьюм. «Сэ сыкъызытекIахэр  зэман жыжьэкIэ узэIэбэкIыжмэ Кавказым къиIэпхъукIри Тыркум къэкIуауэ щытащ»,- жриIэжащ Пэмыкъум тхакIуэ Шульпяков Глеб. Мо цIыху напэ  хужьхэр  гъунэгъухэм гъэщIэгъуэн къащыхъуащ икIи пэмыкъу къыфIащащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ- бжьэхуц.

 

 

Шэрджэс пщащэ дахэмрэ къулей хъуа пащтыхьыкъуэмрэ…


Пэмыкъу Орхан  и  унэцIэр жыжьэ игъэIуу езыри  нэхъ  цIэрыIуэхэм хабжэ  щыхъум , къыдэгушыIэхэри нэхъыбэ  хъуащ: «Человек-Памук», «хождение Памуком», - жаIэу. Ауэ иужьрей гушыIэм кърагъэкIым емылъытауэ Пэмыкъухэ нэхъ лейуэ зыгуэри къакIуакъым, унэцIэ яхуэхъуам и Iэужьу мэкъумэшми зратакъым.


«Истамбыл» тхылъым  щыщ  пычыгъуэ : «Си анэшхуэм  шэрджэс пщащэ  уардэхэм  ялъ щIэтт…Абы и адэр  урыс-тырку  зауэр щекIуэкIым, 1977-1878 гъэхэм, япэ щIыкIэ Анадолэм , абы къикIри  Измирым Iэпхъуауэ щытащ, иужькIэ и унагъуэр  игъусэу инженер- ухуакIуэу щеджэ  Истамбыл  къалэм щетIысэхащ». Быдэу  псыхьа адыгэлI  хьэлымрэ  ерыщагъымрэ  псыхэкIуадэ хъуакъым: «30 гъэхэм я щIэдзапIэм си адэшхуэр гъущIгъуэгу ухуэныгъэм  къулей  ирихъуащ,  икIи Босфор хэлъадэ  Гексу  псыежэх цIыкIум и Iуфэм щIэп  кIапсэхэр къыщыщIагъэкI фабрикэшхуэ IуищIыхьащ».

 

Пэмыкъум и адэшхуэм  зэман кIэщкIэ мылъкуфI  зригъэпэщати,    «дапхуэдиз Iуэху цIэнтхъуэрыгъуэм хэмыхьами, си адэми си адэкъуэшми  адэшхуэм  къигъэна щIэиныр яхуэухакъым», - етх абы. Ауэ Орхан  и адэ, профессор Пэмыкъу  Гюндуз  ахъшэм и къэлэжьыкIэ имыщIэу щыттэкъым , ар IBM фирмэм  Тыркум щиIэ къудамэм и унафэщIт. Унагъуэр  къулейсыз  мыхъуами, адэшхуэм  къигъэна   мылъкум  щыщу Орхан щIагъуэ  къылъысыжакъым. Ауэ  щыхъукIи  а мылъку мащIэм и фIыгъэкIэ  ар къэмыскIэу тхакIуэ лъагъуэм  теуващ, пщэдджыжьым  жьыуэ  къэтэджыу  къэрал  къулыкъу ирихьэкIыным  пэрыувэн хуей хъуакъым. Нэху щыхукIэ тхэуэ щысауэ ,  ар щыгъуэлъыжыр   пщэджыжь  къэтэджыгъуэрт.

 

 

Пэмыкъухэ я унэр…


«Ди  унагъуэр- си анэр,  адэр,  къуэшыр, анэшхуэр, адэшыпхъухэр, адэкъуэшхэр, абыхэм я щхьэгъусэхэр  къатитхуу  зытет  унэм дыщIэст. Сэ  сыкъалъхунум  зы  илъэс ипэкIэ ахэр  псори  зы унагъуэу  иджырей  ди псэупIэм  пэмыжыжьэу  щыт  мывэ  унэшхуэм щIэсат. Ар 1951 гъэм пэщIэдзэ школым  бэджэнду  къищтати,  зэIыхьлыхэр  нэгъуэщI  унэ Iэпхъуащ. Абы и еплIанэ къатырщ иджыпстуи си унагъуэр  щыпсэур».

 

А зэманым  зэрыхабзэу  ди   бжэ щIыхьэпIэм тетхат «Пэмыкъухэ я унэ» жиIэу. Адыгэ  хабзэхэр   зимыхамэм и дежкIэ гурыIуэгъуэт абы хэлъ щIагъыбзэр: мыбы   щахъумэ  бгырыс  нэмысымрэ  асылымрэ, нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэмрэ   унагъуэм щызекIуэ пщIэ-нэмысымрэ зэикI   щагъэлъахъшэркъым, хэкужьым и фэеплъыр, абы и щIыхьыр гум  щызэрахьэ. Зэман дэкIмэ зи  щхьэгъубжэхэр  Босфорыпсым  хэплъэ  унэм  Пэмыкъу   Орхан  щхьэгъусэ къыщIишэнущ…



Сэ тхакIуэ сыхъунущ!

 

«БыдапIэ хужь», «Тхылъ фIыцIэ», «Сэ  къызэрызэджэр  плъыжьщ», «НэгъуэщI  плъыфэхэр»- фIэщыгъэцIэхэр  дгъэщIагъуэнкъым… «Истамбыл» тхылъым  псори гурыIуэгъуэ тщещI: «Илъэс 15 ныбжьым  сыщитым   Истамбыл и теплъэхэм  куэду    сурэт тесщIыкIыу щIэздзат».  ЩIалэр  лъэмыкIыу зыIэпызыша сурэт щIыным  адэ-анэр, гушыIэ хэмылъыу, иригузавэрт. Ар зыкIи епхатэкъым   ислъам   диным   хуит укъэзымыщI и хабзэхэм,  «щIэныгъэ яIэт икIи къухьэпIэ цIыхухэм я щытыкIэм нэхъ    тетт», - етх   Пэмыкъум и унагъуэм   теухуауэ.

 

Инженер хъуну, и щхьэ ипIыжыну зыщыгугъ   къуэр   анэм   иущиирт: «Мы къэрал  къулейсызым ущыпсэууэ, цIыху къарууншэхэм, тхьэмыщкIэхэм, зи щхьэ хьэрычэт  хуэзымыщIыжыфхэм уахэтыу, удэмыхуэхыу  укъэнэн папщIэ къулейуэ  узыгъэпсэун IэщIагъэ ухуейщ», - жиIэурэ.

 

«Сэ сурэтыщIкъым сызэрыхъунур, тхакIуэщ!» апхуэдэу  еух «Истамбыл. ГукъэкIыжхэм я къалэ» тхылъыр. Ар тхакIуэм къызэрехъулIам и щыхьэтщ Нобель и саугъэтыр.

 

Лирикэмрэ  физикэмрэ  хэдэу  нэхъ  езэгъырабгъур   къыхиха къыфIэщIыу  Пэмыкъур  япэ щIыкIэ Истамбыл   Техникэ  университетым архитектурэмкIэ и факультетым щIэтIысхьат,  ауэ  илъэсищкIэ абы щеджауэ къыгурыIуащ: сурэтыр псалъэкIи пхуэщIынущ. Абы мурад ещI чырбышрэ  бетонрэ  хэмыту  хьэрфхэм къыхэщIыкIа дуней   иухуэну. Пэмыкъум   дзэм  къулыкъу щимыщIэн щхьэкIэ Истамбыл   университетым журналистикэмкIэ и факультетым  зритыжащ, ауэ  зы махуи  газетым   щылэжьакъым. Ар тхэрт.



ДунеитIым я зэпыщIапIэм…

 

Пэмыкъум и романхэр гъэнщIащ езым и гъащIэр къызэрекIуэкIа хъыбархэмкIэ- унагъуэ  насыпыр, лъэпощхьэпохэр, адэ-анэм я унэр, щхьэгъусэм зэрыпыкIыжар къыщыхощ  абыхэм.

 

Орхан и тхылъхэм, къанэ щIагъуэ щымыIэу,  псоми   щытопсэлъыхь   къыщалъхуа   Истамбыл   къалэм: «ЦIыхухэр щыIэпхъуэ зэманым, тхакIуэхэм щалъхуа щIыналъэр щабгынэм» абы «лъэкIащ илъэс щэныкъуэкIэ  имыкIыу зы щIыпIэм исыну, уеблэмэ  зы  унэм   щыпсэуну».

 

«Джевдет-Бейрэ и къуэхэмрэ», «Уэс», «Тхылъ фIыцIэ», «Сэ  къызэрызэджэр  плъыжьщ» жыхуиIэ и романхэми, адрей и тхылъхэми   къыщыгъэлъэгъуащ   Тыркум и нобэрей псэукIэр: КъухьэпIэмрэ КъуэкIыпIэмрэ , Европэмрэ  Азиемрэ я хабзэ  зэмыщхьхэр, дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр.

 

«Унэ  щым» романым  дунеймрэ  унагъуэмрэ зэгуэхыпIэ имыIэу зэрызэпхар  къыщыгъэлъэгъуащ, уеблэмэ   гъуджэ  пэлъытэу  зы  унагъуэм и зэхэтыкIэм дуней  псор   хыболъагъуэ. «ГъащIэщIэ» тхылъым КъухьэпIэм и дуней еплъыкIэмрэ КъуэкIыпIэм и  щытыкIэмрэ щызэхозэрыхь. «Сэ  къызэрызэджэр  плъыжьщ» романыр  2001 гъэм,  фокIадэм и 11- м къэхъуа Iуэхугъуэм, зы тхьэмахуэкIэ  ипэ   къихуэу Америкэм къыщыдэкIащ. Пэмыкъум абы хилъэгъуащ щIэнэкIалъэ гуауэ: романым  муслъымэнхэм я  дуней еплъыкIэмрэ къухьэпIэ гупсысэкIэмрэ  щызэпэщIоувэ.



Шынэ зымыщIэ Пэмыкъу…

 

Пэмыкъу  Орхан и Iуэху еплъыкIэхэмрэ ар къыщалъхуа   къэралым къыщекIуэкI политикэмрэ  зэтемыхуэу къыщIэкIащ. Тыркур  зэрыпагэу и тхакIуэ пажэм Цюрих и газетхэм  ящыщ  зым ирита интервьюм  жылагъуэр зэщIигъэхъеящ. Захуагъэм и телъхьэ, шынэ зымыщIэ цIыхухъум  зиущэхуу  пэжыр щIиуфэну и щхьэ  хуигъэфэщакъым.

 

«Курд мин щэщIрэ армян мелуаным  нэсрэ Тыркум зэрыщаукIар сэр фIэкIа мышынэу  зыми къывжиIэфынукъым»,- а псалъэхэр  ирикъуащ тхакIуэр и къэралми,  лъэпкъми,  IэщэкIэ узэда  къарухэми  епцIыжауэ  жиIэу Правительствэм ар  судым  иритыну.

 

Пэмыкъум  хъумакIуэ  къищтэн хуей хъуащ.  Националистхэм   абы и Iуэхур судым   намыгъэсу зэфIагъэкIынкIэ шынагъуэ щыIэт.  Нэсакъым  судым: «Международнэ амнистие» организацэм   дунейпсом щыцIэрыIуэ тхакIуэхэмрэ  Евросоюзым и комиссарымрэ дэщIыгъуу Iуэхум хэлэжьыхьащ. Фочыпэм  пытым творчествэм иIэ-илъэ хуэкIуэнт? Абы и щIыIужкIэ 2007-нэ гъэм армян диаспорэм и пажэ, журналист Динк Грант  зэраукIар Пэмыкъум  ичэзууэ  хэкур  зэрибгынам  щыхьэт  техъуащ.

 

Ауэ щыхъукIи тырку  судым  2011  гъэм и гъатхэпэ   мазэм абы къуэды   къытрилъхьащ, илъэсихкIэ узэIэбэкIыжмэ ита   интервьюм къыхэкIкIэ. Пэмыкъур къызытекIа абэзэххэм я хуитыныгъэр   яхъумэн папщIэ хыр   зэпачу   Тыркум кIуауэ щытамэ, иджы   езым а хуитыныгъэ   дыдэм и хьэтыркIэ Тыркум икIри, хым адэкIэ щыIэ щIыналъэм Iэпхъуащ. ГъэщIэгъуэнурэ зыкъегъазэ гъащIэм…

 

 

IэщIагъэм и Эверестыр игъэIурыщIащ!

 

Нобелым и саугъэтыр къыщратыжа зэIущIэм.

 

Пэмыкъу Орхан университету пщIым щIыхь зиIэ я доктор хъуащ, абы и тхылъхэр  бзэ щэныкъуэкIэ зэрадзэкIащ. 2006-нэ гъэм IэщIагъэм и лъэгапIэр къигъэIурыщIэри Пэмыкъум литературэмкIэ Нобелым и саугъэтыр   къыхуагъэфэщащ. «Къыщалъхуа  къалэм и псэ  нэщхъейр  къилъыхъуэу  щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэпэщIэувэныгъэмрэ абыхэм я зэхэухуэнэкIамрэ   къызэрихутам къыхэкIыу», - аращ   итыр абы и Нобель вердиктым.   

 

«Сыт и лъэныкъуэкIэ зихъуэжа си гъащIэм премием и ужькIэ?- мэдыхьэшх  Пэмыкъур:  «Си электроннэ  почтэм и адресым   зихъуэжащ,  банкым   хэлъ си мылъкур  нэхъыбэ  хъуащ». Лэжьыгъэм и гур  зэретари, литературэм  зэрыхуэпэжри ихъуэжакъым    саугъэтым. Аращ жиIэр тхакIуэм. Абы щыхьэт  тохъуэ  премие   нэужьым   Пэмыкъум и тхылъищ  дунейм  къызэритехьар икIи еплIанэр,   «Пейзажым и Iыхьэхэр» жыхуиIэр, мы  зэманым   зэритхыр.

 

«Хьэрэмагъ   зыбгъэдэмылъым и музей» романыр, Пэмыкъум зэрыжиIэмкIэ, илъэс 11- кIэ итхащ икIи ар ауэ  тхылъ къызэрыгуэкIкъым. Мы зэманым тхакIуэр Гоа щопсэу,  тхылъым  къыщыгъэлъэгъуа  хьэпшып тIорысэхэм я музей Тыркум къыщызэIуихыну зегъэхьэзыр.

 

«Уи  тхылъхэр   апхуэдизу  щхьэ цIэрыIуэ?»  жиIэу дунейпсом къыщацIыху классикым, тхылътедзапIэ зыгъэлажьэ Морозовэ Ольгэ  щеупщIам Пэмыкъум гушыIэу  мыр   жэуапу   къритыжащ: «Хъыджэбз   дахэм еупщIыркъым, щхьэ   псори  хьэщыкъ   къыпхуэхъурэ жаIэу». Абы къегъэлъагъуэ   ди   лъэпкъэгъум и творчествэм   къыхуэфащэ увыпIэр зэрищIэжыр. «БыдапIэ хужь» романым  къыщыхьащ мыпхуэдэ  псалъэхэр: «ЦIыхум къикIуа гъащIэ гъуэгуанэр фIыуэ илъагъуу щытын   хуейщ, зэман дэкIа нэужьи абы арэзы къищIыжын хуэдэу; сэ си щхьэкIэ фIыуэ солъагъу».



Адэжьхэм я джэ  макъ…

 

И адэжь щIыналъэ Кавказым, и  адэшхуэр лъыкIэ зэпха  абэзэххэр  здэщыпсэуа   Адыгейм   Пэмыкъур зэикI   къэсакъым, ауэ мызэмытIэу Мэзку щыIащ. ТхакIуэм и щхьэгъусэм   и  анэр  урысщ,  урысыбзи  ещIэ, езы Орхан   фIыуэ  илъагъу тхакIуэхэм ящыщщ  Толстой,  Достоевский,  Набоков сымэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Достоевскэм  тыркубзэкIэ  къыдэкIа и романхэм пэщIэдзэ  псалъэхэр    Пэмыкъум   хуитхащ.

 

«Урысейр   куэд щIауэ силъми сипкъми хэтщ», - щыжиIащ тхакIуэм Мэзкуу щекIуэкIа пресс-конференцым. «Си къарур щыкIуэщIым и деж   сэ   Достоевскэр   нэхъ   спэгъунэгъущ, си гукъыдэжым  зыкъыщиIэтым, дыкъэзыухъуреихь   дунейм и дахагъэр щызэхэсщIэм деж   Толстойм   щыщ Iыхьэ гуэр си гущIэм  къыщоуш», - жеIэ абы. Булгаковым  и цIэр Пэмыкъум  фIыуэ илъагъу тхакIуэхэм я бжыгъэм  хэту  къриIуакъым, ауэ Iэрмэ хужьыр Константинополь  зэрыщыIам  теухуауэ  хъыбар  гуэрхэр зэрищIэр къыхигъэщащ…

 

«Истамбыл» романым  Пэмыкъум и гугъу щещI Флобер Гюстав: Константинополь къикI  тхыгъэхэм франдж  классикыр щытопсэлъыхь  Хы ФIыцIэмкIэ къриху  сыбыр  жьапщэ щIыIэм. Хьэпсэлъыхьауэ ара? Езыр  армырауэ пIэрэт  адэжь щIыналъэм  пэIэщIэ зыщIа  Хы ФIыцIэм егупсысыр?  Ди жагъуэ  зэрыхъущи,    иджыри  къыздэсым   Пэмыкъу Орхан   зыри  еупщIакъым: «Уи хэкужьымкIэ къриху   хьэуам уи  лъым и гукъэкIыжхэр къигъэушыркъэ, Кавказым   хуэпабгъэу?» жиIэу. Хэт ищIэрэ…



КъыкIэлъыкIуэу…

 

Пэмыкъум   Кавказым   щыщу  Нобелым и саугъэтыр   зыхуагъэфэщахэм я спискэр къызэIуихащ. Абы къыкIэлъыкIуэу, 2010- нэ гъэм физикэмкIэ  премиер   къратащ  зи   сабиигъуэмрэ школ  гъэхэмрэ   Налшык щызыгъэкIуа Гейм Андрей. 2012-нэ гъэм литературэмкIэ саугъэтыр  къыхуагъэфащэну   гугъэ  щыIэщ абхаз тхакIуэ Искандер Фазиль  «Шэджэм   щыщ   Сандро»  и романым. Мэзкуу  тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм къызэрыщыхагъэщамкIэ,   эпическэ   романыр «карнавал хуитыныгъэкIэ, цIыхунагъ куукIэ, псэр   зыгъэкъабзэ дэрэжэгъуэкIэ  гъэнщIащ».

 

ТекIуэныгъэр зыхуэфащэ цIыхущ - икIи абы арэзы   техъуэнущ   литературэм хэзыщIыкI адыгэхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэри. Нобель комитетым    дзыхь хуэпщI   хъунущ, сыту жыпIэмэ абы хуэфэщэн пщIэ къыхуищIащ Пэмыкъу   Орхан.



Пэмыкъу Орхан и гъащIэ хабзэу   щы

 

  ЩытыкIэр апхуэдэ   дыдэуи   шынагъуэкъым. УалIынщ, уаукIынщ  жыхуаIэхэр псори   егъэлеиныгъэщ. Тыркухэр   апхуэдэу хьэщхьэрыIуэкъым. Уеблэмэ   сэ   езым сигу ирохь  си цIэм и хъуреягъкIэ къыщекIуэкI псалъэмакъхэр. СызыгъэикIэну хуейхэм   иужьрей   илъэс 20- м къриубыдэу   сэ   стеухуауэ   ятхам  хуэдиз  зыми   хуатхакъым. Зэм зэми   согупсыс  ахэр  псори  зэхуэсхьэсыжу «Пэмыкъум   къыпэувхэр» фIэсщу тхылъ къыдэзгъэкIыну.

 

Пэжщ, сэ   си  гум  тхыдэр   къызэрищтэр  псысэ   къудейуэщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, сэ сигъэпIейтейуэ схужыIэнукъым тхыдэм и  къекIуэкIыкIа дыдэм, сэ сфIэгъэщIэгъуэныр  цIыхухэм къагупсыс   хъыбархэр   зэрызэмыщхьырщ. Сэ   къызыщызгъэхъут   Истамбыл   щыпсэу цIыху минхэм   дэтхэнэми  езым  фIэкъэбыл хъыбарыр  и гум    щихъумэу,  тхыдэм и къекIуэкIыкIа дыдэр   зыми къыфIэмыIуэхуу.

 

Сэ насыпыфIэ сызыщI  куэд щыIэщ. Зы   напэ кIуэцI къызэхъулIэмэ- ар насыпщ. Ар къудейр! Сипхъуми ещIэ - си гукъыдэжыр щIехуэхынкIэ хъунур    зыщ- нобэ сигу зыхуэзэгъэжу     сымытхамэщ.

 

 

Хъыбарыр  зыгъэхьэзырар  Дым 1эдэмщ

Адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар Тэмазэ Альбинэщ

Сурэтхэм елэжьар Михайлов Сергей, Балакин Алексей сымэщ

 

 



Комментариев: 7
2012-05-05 в 14:41:32 | Абадзех

Не так давно прошерстил весь рунет в поисках информации о его происхождении. Единственное упоминание о том, что его предки с Кавказа, отсюда и прозвище Памук встретилось в одном из интервью.

Теперь же в этой статье автор утверждает, что Памук абадзех.

Как же его настоящая фамилия? В каком интервью он рассказал, что является абадзехом?

2012-07-08 в 13:38:24 | aytek erer

Nobel edebiyat ödüllü Orhan Pamuk Türkiye'nin Adige (Abhaz-Abadzeh) asıllı,halk tarafından cok sevilen onurlu,donanımlı yazarımızdır,Rusya için Dostoyevski neyse, Türk halkı içinde Orhan Pamuk aynısıdır.Miçaçba.

2012-12-29 в 14:29:35 | София

в его официальном интервью журналу космаполитан он говорил что его дедушка с кавказа, но ни фамилию ни имя его он там не называет! нет никаких оснований считать его адыгом или абадзехом. все упоминания автора в тему и не в тему что он адыг абсолютно беспочвенны. Чистейшей воды бред. Все мировое сообщество знает что 5 покалений назад не было как таковой нации черкесы, черкесами называли всех кавказцев подряд!!!

2013-03-30 в 06:06:50 | Хаос

София, "все мировое сообщество" знает что черкесами называли всех северокавказцев по черкесам, т.е. адыгам, как по доминировавшей в регионе группе и до сих пор доминирующей в диаспоре. У некоторых соседей черкесов по этому счету возникает немало комплексов и вызванного данным обстоятельством негатива, но у Вас же греческое имя означающее "Мудрость" и Вам не сложно будет открыть хотя юы статьи ЧЕРКЕСЫ и КАБАРДИНЦЫ в Энциклопедии Брокгауза и Ефрона, чтобы узнать кого "мировое сообщество" и как называло "5 поколений назад". Успехов.

2013-04-30 в 10:36:57 | Angelocheck

Лично знакома с Орханом. Встречались неоднократно в Стамбуле. Присутствовала на вручении ему Нобелевской премии. В бабушке его текла частица черкесской крови. Если дальше вести речь об отце бабушки, то это прадед (не дед) Орхана, его дед - это муж бабушки. Сам Орхан Памук себя считает и воспринимает только турком (менталитет, культура). Я его допрашивала с "пристрастием". Статья вся построена на романе "Стамбул" - выводы сделаны автором согласно поставленной перед ним задаче. Как известно, Нобелевка-2012 присуждена китайскому писателю (теперь, наверное, автор не доверяет Нобелевскому комитету - ведь он не присудил премию Ф.Искандеру).

2013-06-15 в 02:57:12 | Гугловод

Леонид Юзефович: Вот Битов говорит о себе, я — адыг по корням. А Орхан Памук — я люблю этого писателя, читаю, мне все о нем интересно — он говорит где-нибудь о том, что он черкес?

Салим Бабуллаоглу: Да. Я брал у него интервью, он говорит — я с пятого колена черкес. Так и сказал.

http://magazines.russ.ru/druzhba/2008/4/ra14.html

Чувствую, Битову тоже несдобровать ))

2013-12-25 в 16:20:39 | тэрч

Если он не ЧЕРКЕС, то объясните, почему он вошел в Исполком Международной Черкесской Ассоциации?

вот ссылка http://www.regnum.ru/news/726677.html

ведь всем известно что МЧА - это не северокавказская а именно Черкесская (Адыгская) ассоциация.

сегодня
25 апреля 2024 года
 
В этот день
1920 г. – в Нальчике открыто первое врачебное учреждение.
Родились:
1913 г. – Юсуф Тлюстен, народный писатель РА, засл. работник культуры РФ.
1944 г. – Абубекир Кодзев, гармонист, засл. артист КБР.
1953 г. – Людмила Шереметова, народная артистка КБР, засл. артистка КЧР.
1954 г. – Сафарби Шхагапсоев, д-р биол. наук, проф. КБГУ, академик АМАН, гос. деятель.
Все новости
Набор в школу/ансамбль кавказского танца…
Дорогие друзья! До концерта "Выпусник…
Дорогие друзья! Рады сообщить вам,…
Дорогие участники второго стипендиального конкурса…
Афиша
- Лягушка и та говорит: "Ах, если бы речка, где я сижу, поглубже была!"
Вход для зарегистрированных пользователей
Забыли пароль?
вход
Регистрация